Нобэ 2026 гъэм, шыщхьэуIум и 10, блыщхьэ.
Адыгские пословицы
Iущыр щэ мэчэнджащэ – Мудрый трижды советуется.Губзыгъэр фIыуэ мыгупсысауэ, щIэмыупщIауэ Iуэху ищIэркъым, жыхуиIэщ.
Умный хорошо не обдумав, не посоветовавшись, не принимает никаких решений.
Вар.: Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ – Исток мудрости в совете.
Iэуэлъауэ щыкуэдым акъыл щымащIэщ – Где много шуму, там мало дела.
ЦIыху акъылыфIэ здэщымыIэм, зэдауэр, зэрызехьэр, псалъэмакъ мыхьэнэншэр щыкуэдщ, жыхуиIэщ.
Где нет разумного человека, там царят разногласия, много пустых споров и слов.