ХъумпIэцIэджым и Гуэдз Хьэдзэр

ХъумпIэцIэджым и Гуэдз Хьэдзэр

Еуэрэ-еуэрэт, жи. ЛIыр гъуэгу тету здэкIуэм, и нэ техуэри, къилъэгъуащ ХъумпIэцIэджым езым хуэдиз гуэдз хьэдзэ пIийуэ ихьу. ЛIым ар игъэщIагъуэри, еIэбыхщ аби, и Iэгум къригъапщхьэри еупщIащ:
— Мыпхуэдизу пIийуэ пхьыр сыт, ХъумпIэцIэдж цIыкIу?—жиIэри.
— ПIий-мыпIийми, шхын сохь, плъагъуркъэ!
— Дэнэ къипхыу?
— Уи хьэсэм къисхыу.
— СыткIэ урикъуну?
— Зэзгъэзахуэмэ, илъэситIкIэ срикъунущ.
Ар ЛIым и фIэщ хъуакъым:
— НтIэ ар пэжмэ, мы хьэдзэ закъуэм фIэкIа умыIыгъыу си хьэзырым къипщхьи, илъэситIкIэ абы урипсэуфрэ псэууэ укъикIыжмэ, упсэуху пшхынур си Iуэхущ!— жи ЛIым.
ХъумпIэцIэджым хъунщ жеIэ, баз зэпохьэри, и гуэдз хьэдзэр зэриIыгъыу хьэзырым йопщхьэр аби, ЛIым хьэзыр Iупэр егъэбыдэж.
Илъэс докI.
ИлъэситI докI.
Илъэсищ докI.
Илъэс еплIанэм иригъэзыхауэ еуэ-иригъэшхыу здехым, ЛIыр хуей мэхъури, хьэзыр Iупэр Iуеx: «Уэхухуху мыгъуэ!»— жеIэри хъумпIэцIэджыр къопщыж, гуэдз хьэдзэ ныкъуэр пIийуэ иIыгъыу. АпщIондэху ЛIым и пщIыхьэпIи къыхэхуэжакъым абы баз пихьэу и хьэзырым зэрыриубыдар! ХъумпIэцIэджыр псэууэ, хьэдзэ ныкъуэм фIэкIаи имышхауэ щилъагъукIэ, ЛIым ар телъыджэ щохъу:
— Мыр дауэ: гуэдз хьэдзэр илъэситI шхыну арат жыпIар, мыбы и ныкъуэри пхуэшхакъыми!
— Уэ уи псалъэм и уасэм фIыуэ сыщыгъуазэти, зэзгъэзэхуащ. Уэ уи щхьэр сэ сфIэтамэ, си гъуэмылэр илъэситIым сшхыжынт аби, уи гъэрэщым куэд щIауэ силIыхьыжынт!
Ар къыщрипэсым, ЛIым мурад ещI хъумпIэцIэджым зищIысыр иригъэлъагъужыну:
— А уи щхьэр сыту гъумыжь!
— Акъыл илъамэ, ууейри гъумынт!
— А уи плIэми апхуэдизу щхьэ зиубгъуа-тIэ?
— Къару хэлъамэ, ууейми зиубгъунт!
— А уи бгыр апхуэдизу щхьэ псыгъуэ-тIэ?
— Уэркъыбгщи, псыгъуэщ.
— НтIэ а уи пхэр апхуэдизу щхьэ ин?
— Пхэм тепсэлъыхьыр пхэм хуэдэщ!— жиэIри ХъумпIэцIэджыр ежьэжащ, жи.
Абы къыщежьащ хъумпIэцIэджым иIэ Iулыджри фIэлIыкIри.

ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ

Пшеничное Зерно Муравья

Скоро будет!