Кабардинские скороговорки
А псы плъыжьыбзэр псылъэ плъыжьыбзэм итщ.
Адэжынэ лъакъуапцIэ, жылэ гъапцIэ кIыгуугу.
Ажэгъафэ фащае, жьантIэрыкIуэ IэпщакIуэ, къуэбэбжьабэ бжьакъуэшхуэ.
Афыпс, псы щIыхуфэ, си хуарэжьыр хэмыфэ.
Бадэ бадзэ къеубыд, Бадэ бадзэм иреуд.
Бахъсэныпсым Махуэгъэпсыр илъэслIэ илъэсри, зыри къыщылъымысым, лъэсу къэкIуэжащ.
Бжьамий епщэу выпщэм дэпщейри, зигъэпщу ПщыIэпщокъуэ ипщэкIэ кIуащ.
Бор дой, яй бор.
Вышхуэ къуагуэ, пхъэ къуэгуэшхуэ.
ГъукIэм гъущIыр зэпещIыкI, гъущIым гъубжэ къыхещIыкI.
ГъукIэр бгъукIэ къалъэри пкIэлъейм дэлъеижащ.
Джыкъуэ щIакъуэ и къуэ Дыкъуэ мо къуэ закъуэм екъуу дохьэр.
Ди губгъуэр Iэбгъахъуэ хъупIэщ, жыг щхьэбгъуэ абгъуалъэщ, тхьэрыкъуэ гъуэлъхьапIэщ.
Ди псыхьэ лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэм жыг кугъу тегъуа, джэдыкIэ кугъуэ текIа.
Ди пщIэгъуалэжьыр кIагуэ пахущ, кIапэ хужьщ, кIэмажьэкIэщ, псы кIэнтхъ ифщ, псыIуфэрыхъущ.
Ди унащхьэмкIэ хьэнцэ щхьэпрызодз.
Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпситIыр ткIуэпс-ткIуэпсу къыщIихуащ.
Дыгъэгъазэм зыщигъазэм, и нэбзийхэмкIэ ебзейри, дыгъэр занщIэу бзэхыжащ.
ЕгъэджакIуэм дрегъаджэ, ди гъэсакIуэм дегъэджэгу.
Жэм къарэ жэм пэхур хы Iуфэм къосылI, IуосыкIыж.
Жэмыбгъуэ, жэмыбгъуэ бгъэгу хужь жьэгъуашхэ.
Жэмыбгъэ бгъэгу хужь мэжьэгъуашхэ.
Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм лIыжь жьакIэхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ.
Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз, Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
Зэ изу вазэ, зэ имызу кхъузанэ.
ЗэтIолъхуэныкъуэ мин, банэ мин, банащхьэ.
КIакIэ кIей кIыхьым кIапсэ кIыхьыр кIыхьу къришэкIащ.
КIыгуугур хьэгуагуэ? ХьэкIагуэ кIыгуугу?
КIытIэ кIэщIым и пхъэIэщэ кIэныр тепIиикIыу къуакIэм доуфэранкIэ.
Къажэ, къажэ, си къэбыжь.
Къамылыбжьэ плъыжьыбзищым шыбжиищхьэ плъыжьыбзищ илъщ.
Къуэкъуэн и къуэ лъакъуэ закъуэр токъумакъкIэ къуакIэм дакъухьащ.
Къуажапщэ хьэпщэ егъу, къуажэкIэ хьэкIэ егъу.
Лэныстэ-мастэ-къэбыстэ пIастэ.
Лыбжьалъэ плъыжьыбзиплIым шыбжиищхьэ плъыжьыбзиплI къоплъ.
Мей, мей, меищхьэ, банэ мин, банащхьэ.
Мин плIырыплIрэ щиплI-щиплIрэ, плIыщI-плIыщIрэ плIырыплIрэ.
Мо банапцIэм сыкъелъэ-сынелъэ, мо баналъэм сыкъепкIэ-сынепкIэ, сызыхэпкIэ банэ мыгъу, сызыхэлъэ банэ гъур, банэ папцIэ, мей цIынафэ.
Мо бжэкъуагъым къуэлъ жыхапхъэр хьэ къухъухь, кхъуэ къухъухь.
Мо псы Iуфэм Iут жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ, псыIуфэрыхъур уи закъуэ уи жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ, псыIуфэрыхъу — уэри сэри ди жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ, псыIуфэрыхъущ.
Мо псыхъуэм дэлъ мывопцIэ фIыцIэ цIыкIур уи закъуэ уи мывопцIэ фIыцIэ цIыкIу, псоми ди зэхуэдэ мывопцIэ фIыцIэ цIыкIущ.
Мо жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ псыIуфэрыхъур уи закъуэ уи жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ псыIуфэрыхъу — уэри сэри ди жэм къуэху, бжьэкIэрэф, ныбэ джафэ, псыIуфэрыхъущ.
Мо тен фIыцIэ цы фIыцIэр уэ уи закъуэ уи тен фIыцIэ? Псоми ди зэхуэдэ тен фIыцIэ цы фIыцIэщ.
Мо шкIэ бур ди шкIэ.
Мо хъун кIырыр уи хъун кIыр? Мо хъун кIырыр уи хъун кIыр?
Мо шы къэбыфэр уи закъуэ уи шы къэбыфэ, ар сэри шы къэбыфэщ.
Мы кIапсэр уэ щыпхузэрымыгъэлъэлъыжкIэ сэ ныбдызэрызгъэлъэлъыжынщ.
Мыщэр иэщащэу мыщэхупщейм дэпщейри, нэхущым къепщыхыжащ.
Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ.
Набдзэ и бдзапцIэр егъэцIу.
Нанэрэ дадэрэ зэблопсэлъыкI – къызэблопсэлъыкIыж, зэблопсэлъыкI – къызэблопсэлъыкIыж.
НапцIэ бдзамцIэ егъэцIу.
Нахъуэ дзахъэ жыхапхъапхъэм жыхапхъищкIэ хэIэбащ.
НысащIэм фэщIэр тIуащIэу лъэщIэсым щIигуэри щIигъэфыхьащ.
ПхъащIэ хьэщIэм ищIа гущIэм выщIэ щIищIэри, пIащIэу пхащIэм кIуащ.
Пхъэр сошэр — пхъыр сошхыр.
Пыжь пызу пыту щыту жыг.
ПIытIэ пIастэ пIапIум хепIытIэ.
Санэху зэраза кхъузанэ.
Си пщIэгъуалэжьыр кIагуэ пэхущ, кIапэ хужыц, псы кIэнтхъ ифщ, псыIуфэрыхъущ.
Тебэ фIыцIэм хупцIынэ цIынэ иупцIащ.
ТIыкIурэ КIукIурэ екIуу мэракIуэхьэ макIуэ.
Урыхужьыр джэд хужьым жьэхэпщэри жэрыжэкIэ куэбжем дигъэжащ.
Уэ жэмыхъуэм ди жэм бгъэхъуурэ бгъэ бгъэхъуар бгъэ хъунщ зэбгъэхьар!
Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй.
Хур досэ, бор дой, Хур досэ, бор дой.
Хурсэ, хурсэ, хъурсанэ, Санэху зэраза кхъузанэ.
ХьэщIэщым шэнт кIыхь щIэтым хьэщIищ щызэкIэлъыпысщ.
Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумакIуэм ехъумэ.
Шыбжииплъ, псы плъыжьыбзэ.
ШытIунэрэ ПIытIинэрэ пIырыпI зэхапIытIэ.
Шыгурэ выгурэ зэгъуэгуэгъукъым, шыгурэ выгурэ зэдэуэгъукъым.
ЩакIуэ щIалэм щIакIуэ щIагъым щIакхъуэ ныкъуэ щIэлъу ехь.
ЩакIуэ щIакъуэм щIакхъуэ ныкъуэ щIакIуэ щIагъым щIэлъу ехь.
ЩIалэ щIакъуэ щIыIэрысыр щIыунэ щIыIэм щIыхьэри, щIакIуэ щIагъым щIэлъу щIакхъуэ щIихри щIэкIыжащ.
Iэнэ-Iэнэ, Iэний, Iэнэ мин, Iэнащхьэ.
Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу, псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу.
ЭтажитIыр этаж мащIэщ, этаж щитIыр этаж куэдщ.
ЯтIэ тIатIэр ТIатIэ къетIыр.